Текст песни «Драма». Руслан Малаев

Альбом: Сингл • 2020 год
Исполнитель: Руслан Малаев

Уи лъагъуныгъэр зыхуэбгуэшахэм
Къыпщохъур сыхиубыдау.
Жып1а Уи псалъэр Зи ф1эщ хъупахэм
Угуф1эу сэ сахыубжау.

Укъызэмыжьэ,си псэ,
Укъызэмыжьэ зей.
Уи лъагъуныгъэ шыпсэм
Сыхуейкъым сэ пщэдей.
Къежэх Уи нэпс къудамэм
Уэ дахэу уроджэгу,
Сыбгъэлъэгъуа Уи драмэм
Сыхуоуэ ину 1эгу.

Уи нэм щалагъур, дэзыхьэх вагъуэ
Ауэ а вагъуэр абджыпсщ
Сэ сынолъэ1ур умыщ1 Уи жагъуэ
Сызэрыноджэр пц1ыупсщ

Укъызэмыжьэ,си псэ,
Укъызэмыжьэ зей.
Уи лъагъуныгъэ шыпсэм
Сыхуейкъым сэ пщэдей.
Къежэх Уи нэпс къудамэм
Уэ дахэу уроджэгу,
Сыбгъэлъэгъуа Уи драмэм
Сыхуоуэ ину 1эгу

Джэгу урикъухук1э хъыджэбз дахащэ
Сыдежк1э укъемыплъэк1
Сэ узогъэщхьри уэ къупщхьэ гуащэм
Псэ зыхэмылъыу къыщ1эк1

Укъызэмыжьэ,си псэ,
Укъызэмыжьэ зей.
Уи лъагъуныгъэ шыпсэм
Сыхуейкъым сэ пщэдей.
Къежэх Уи нэпс къудамэм
Уэ дахэу уроджэгу,
Сыбгъэлъэгъуа Уи драмэм
Сыхуоуэ ину 1эгу

Другие песни этого исполнителя

Белая фата
Бродяга
Заманила