Текст песни «Си нэ дахэ». Заур Атласкиров

Альбом: Сингл • 2020 год
Исполнитель: Заур Атласкиров

Мазэр уэгум имызакъуэ
Вагъуэу исхэр ипэшэгъущ
Ди заманыр умыгъак1уэу
Уэри укъысхуэхъукъэ гуэгъу

Укъысхуэхъукъэ унэ гуащэ
Псэм и щ1асэу си дуней
Уэзыращ си гухэлъ пщащэ
Сэ мы гъащ1эм сызыхуейр

Къосыр и чэзууэ бжьыхьэр
Балий жыгым пытыр мыхъущ
Сэ уэращ мы си псэм дыхьэр
Теплъэр нэк1э къызолъыхъу

Си нэ дахэ, си нэ дахэ
Си нэ дахэу нэкъулэн
Си гуи си пси уощ1эр махэ
Зыми ухуэзмыгъэдэн